Адыгэ IуэрыIуатэ
Мурадыр: IуэрыIуатэр зей цIыхубэм езым къигупсысауэ, зэхилъхьауэ къыдекIуэкI творчествэу зэрыщытыр ягурыгъэIуэн.

«Зэпэджэж лъэхъэнэхэм» зи фIэщыгъэ Нало Заур теухуа нэтыным феплъ (20,46-25) — мыбы къриубыдэ зэманым.

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, ар къыдэгъэкIыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыха щIэныгъэлIщ Нало Заур. ФIылъагъуныгъэ IуэрыIуатэм пасэу хуищIыныр хэт и фIыщIэу къилъытэрэ езы Заур?
Тест лэжьыгъэ

Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ
Мурадыр : Адыгэ лъэпкъым къигъэщIа хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэхэм нарт эпосыр зэрыщыщым гу лъегъэтэн, абы хуаIэ лъагъуныгъэм зэрыхагъэхъуэным я гур къыхуэгъэушын. Нарт эпосым и лlыхъужь нэхъыщхьэхэм, абыхэм ягъэзащlэ къалэнхэм къытеувыIэн.
Сосрыкъуэ и пшыналъэм едэIуэн (раздел I, №1).

1. Сосрыкъуэ сыт хуэдэ лIыхъужьу къыхэщрэ пшыналъэм?
2. Абы и сыт хуэдэ хьэл –щэн нэхъ гурыхь фщыхъуа ?
Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьар

«Сосрыкъуэ мафlэ къызэрихьар» пшыналъэм едэlуэн (раздел I, №2).
Егъэлеиныгъэм и щапхъэу сыт хуэдэхэм гу лъыфта?
Сыт хуэдэ къалэн щагъэзащlэрэ абыхэм пшыналъэм?
Тест лэжьыгъэ

Бэдынокъуэ нартхэ къахилъхьа хабзэфIыр

«Бэдынокъуэ нартхэ къахилъхьа хабзэфlыр» хъыбарым КъБР-м и драмтеатрым и артисхэр къеджэу федаlуэ. Артисхэм я къеджэкlэр гурыхь зыщlыр къыжыфlэ.
Фэ дауэ феплърэ нартхэм яхэлъа хабзэжьым, тэрэзу къэфлъытэрэ ар зэракъутэжар?
Тест лэжьыгъэ

Адыгэ уэрэдыжьхэр
Мурадыр:Усэбзэм къыщыгъэсэбэпа зыгъэнахуэ псалъэхэр , ахэр зыхуэгъэзам елъытауэ зэрызэщхьэщыкlым кlэлъыгъэплъын (езы Мыхьэмэт, и анэм, и шыпхъум , и щхьэгъусэм яхуэгъэзахэр).

Уэрэдым хэт цIыхухэм фытепсэлъыхьыж. Уэрэдым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къэфIуатэ.
Лабэдэсхэм я гъыбзэ
Уэрэдыр зытеухуам Нэхущ Чэрим кlэщlу топсэлъыхь.

• Хэкум и хъумакIуэ лIыхъужьхэм ящыщу хэт сымэ я цIэ къыхэщыжрэ адыгэ уэрэдыжьым?
• Епцlыжакlуэхэу хэт сымэ къыхэщрэ?
• Уэрэдыр гукlэ зэвгъащIэ.